Лейла Абубекировна Бекизова ( 29 мая 1929... )

#8930 Ekleme Tarihi 05/12/2022 12:36:00

Нобэ ди къуэш республикэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, хъыбар гуауэ къикIащ. Дунейм ехыжащ адыгэ лъэпкъым и япэ бзылъхугъэ еджагъэшхуэ, щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Бэчыжь Лейлэ. Лъэпкъми, хэкуми, литературэми игъуэта хэщIыныгъэр икъукIэ инщ, хьэлъэщ, гуауэщ.

Шэрджэс литературэм и тхыдэдж, критик цIэрыIуэ, Къандурым и цIэкIэ щыIэ дунейпсо саугъэтым и лауреат Бэчыжь Лейлэ Iэбубэчыр и пхъур Хьэбэз районым хыхьэ ПсэукIэ Дахэ къуажэм къыщалъхуащ. КъШР-м и къалащхьэ Черкесск дэт лъэпкъ еджапIэ-интернатыр къиуха иужь, Лейлэ Ленинград дэт къэрал университетым филологиемкIэ и факультетым щеджащ.

Абы щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэту къызэригъэзэжрэ Къэрэшей-Шэрджэс щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щылэжьащ. Ар 1983 гъэм къыщыщIэдзауэ КъШКъУ-м литературэмкIэ и кафедрэм и профессорт, КъШР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэт.

Бэчыжь Лейлэ адыгэ зэрыс щIыналъищми, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми фIыуэ къацIыхурт. Абы и щхьэусыгъуэр адыгэ IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ джынымкIэ, ди лъэпкъ усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкI тхыгъэхэр зэпкърыхынымкIэ, литературэм зезытыну зи гугъэ щIэблэщIэр гъуэгу захуэ тегъэувэнымкIэ а бзылъхугъэм куэд дыдэ зэрилэжьарщ.

Бэчыжьым и Iэдакъэм къыщIэкIыу япэ дыдэу дунейм къытехьауэ щытар «Шэрджэс литературэм и тхыдэм и напэкIуэцIхэр» зыфIища тхыгъэращ. Ауэ ар тхылъ щхьэхуэу къыдэкIыным и пэкIэ, Лейлэ къыщигъэсэбэпауэ щытащ адыгэ литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэу 1957 гъэм Москва къалэм щекIуэкIам щищIа докладым. Университетыр къэзыухагъащIэ бзылъхугъэ ныбжьыщIэм ди литературэм теухуауэ абдеж къыщипсэлъам къыхэща щIэныгъэр, акъылыр, зэчийр гъэщIэгъуэн ящыхъуауэ щытащ урыс тхакIуэ цIэрыIуэхэу Михалков Сергейрэ Сартаков Сергейрэ.

Абы щегъэжьауэ Бэчыжь Лейлэ  щIэныгъэм щыхиша лъагъуэр еджагъэшхуэм и гъуэгу бгъуфIэ хъуащ. Иужьрей илъэс 60-м къриубыдэу ди литературэм и тхыдэмрэ адыгэ, абазэ, нэгъуей, къэрэшей тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI тхыгъэхэмрэ ятеухуауэ лэжьыгъэшхуэ зыбжанэ итхащ икIи къыдигъэкIащ Лейлэ.

Абыхэм ящыщщ «Шэрджэс усакIуэ Гъуэщокъуэ Хъусин» (1962), «Шэрджэс совет литературэр» (1964), «Адыгэ литературэм и прозаическэ жанрхэм я зыужьыкIэмрэ ахэр зытет лъэпкъ дахэгъэпс хабзэхэмрэ» (1972), «ЛIыхъужь эпосым къыщыщIэдзауэ романым нэс» (1974), «Псалъэм и жэуаплыгъэр» (1978), нэгъуэщIхэри. Абыхэм нэмыщI, Бэчыжьыр ящыщщ 80 гъэхэм Москва къыщыдэкIауэ щыта «Совет лъэпкъыбэ литературэм и тхыдэр» (томитху мэхъу), «Совет романыр» тхылъхэр зытха еджагъэшхуэхэм.

Бэчыжь Лейлэ и гуащIэшхуэ хэлъщ Кавказ зауэжьым и зэранкIэ къэрал щэ ныкъуэм щIигъум щикъухьа хъуа ди лъэпкъэгъухэм къахэкIа тхакIуэхэм, усакIуэ цIэрыIуэхэм я творчествэр хэкужьым щыпсэухэм ягъэцIыхуным хуэгъэзауэ ди щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэ иным.

Апхуэдэу хэхэсу псэу адыгэхэм ятеухуащ Лейлэ жэрдэмщIакIуэ зыхуэхъуу 1991 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм Черкесск къалэм щрагъэкIуэкIауэ щыта «Кавказ лъэпкъхэм хамэщIхэм щаIэ щэнхабзэр» щIэныгъэ конференцыр. Апхуэдэ конференц бжыгъэу Бэчыжьыр псэуху зыхэлэжьыхьар куэд мэхъу.

Бэчыжь Лейлэ къаруушхуэ тригъэкIуэдащ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжауэ къыдэгъэкIыным. Апхуэдэ лэжьыгъэм и мызакъуэу, Лейлэ жыджэру хэтащ адыгэхэм ятеухуауэ кърахьэжьэ сыт хуэдэ Iуэхуми. Адыгэ бзылъхугъэм хузэфIэкIащ ди лъэпкъ литературэм и мызакъуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм я литературэми теухуа лэжьыгъэ гъэщIэгъуэныщэу 200-м нэс итхын.

ИригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм нэмыщI Лейлэ егъэджакIуэ Iущт, ущиякIуэ инт, филологие щIэныгъэмкIэ кандидат лэжьыгъэр зыгъэхьэзыр щIэныгъэлI куэдым я унафэщIу щытащ Бэчыжьыр. И гъащIэр иухыхуи чэнджэщ хуэныкъуэ куэдым защIигъэкъуащ.

«Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» орденыр, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым медалым и етIуанэ нагъыщэр, медалхэр зыхуагъэфэща адыгэ бзылъхугъэ еджагъэшхуэм и фэеплъыр зэи тщыгъупщэнукъым, лъэпкъым иджыри куэдрэ къигъэсэбэпынущ абы и IэдакъэщIэкI купщIафIэхэр.

Адыгэ Псалъэ

Çerkesya
Diğer Haberler
  • facebook sharing buttonFacebook
  • twitter sharing buttonTwitter
  • pinterest sharing buttonPinterest
  • linkedin sharing buttonLinkedin
  • tumblr sharing buttonTumblr
  • vk sharing buttonvk
  • odnoklassniki sharing buttonOdnoklassniki
  • reddit sharing buttonReddit
  • whatsapp sharing buttonWhatsapp
  • googlebookmarks sharing buttonGoogle Bookmarks