
Къэбэрдей-Балъкъэр гумэнитар къэхутакIуэ институтым и адыгэбзэ къудамэм хъыбарыфӏ иӏэщ: "Адыгэбзэ" зыфӏаща лэжьыгъэр мыгуву томитӏ хъууэ къыдагъэкӏынущ.
Тхылъхэм я пэублэхэм девгъаджэ:
"I том. Псалъэхэр. Псалъафэхэр. Псалъалъэхэр".
Грамматикэм химыубыдэу адыгэ бзэщIэныгъэм иIэ унэтIыныгъэхэм ятеухуа лэжьыгъэм и япэ тхылъыр зэхэтщ лексикологием, фразеологием, лексикографием ятегъэпсыхьа Iыхьищу.
Мыбыхэм ятеухуа щIэныгъэ къэхутэныгъэ убгъуа иджы япэу адыгэбзэкIэ дунейм къытехьэу аращи, мыр адыгэбзэ езыгъэджхэми, зыджхэми щIэгъэкъуэн зэрахуэхъунум имызакъуэу, анэдэлъхубзэр зыфIэгъэщIэгъуэн, фIыуэ зылъагъу, абы и къэкIуэнум иригузавэ дэтхэнэри зыщыгуфIыкIын тхылъ хъуну щогугъ ар зи IэдакъэщIэкIхэр.
"II том. ЩIыпIэбзэхэмрэ псэлъэкIэхэмрэ. Бзэм и къабзагъэр. Бзэмрэ щэнхабзэмрэ. Бзэмрэ гъащIэмрэ".
Мы тхылъым щызэпкърыхащ адыгэбзэм и щIыпIэбзэхэмрэ псэлъэкIэхэмрэ я иджырей щытыкIэр, бзэм и къабзагъэ илъэныкъуэкIэ узытетын хуей мардэхэм
уахегъэгъуазэ, бзэмрэ щэнхабзэмрэ зэрызэпыщIам и щапхъэхэр къегъэлъагъуэ, бзэм нобэ и Iуэху зытетымрэ абы и къэкIуэнур зэрыхъунумрэ топсэлъыхь.
Мыр яхуэщхьэпэнущ адыгэбзэ езыгъаджэхэмрэ ар зыджхэмрэ, апхуэдэуи анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъу, абы и къэкIуэнум тегузэвыхь псоми".
Тхылъыр къызыӏэрыхьэнур ӏэ тезыдзэхэращ. Томитӏми зэхэту сом 3000 и уасэщ. Ӏэ зэрытевдзэну щӏыкӏэр мыпхуэдущ:
Уасэр (сом 3000) мы номерым +7 (928) 720-38-84 пыщӏа Сбербанк картӏэм ивогъэхь. Картӏэри номерыри зейр елэжьакӏуэ гупым я пашэ Бищӏо Борисщ (Борис Чамалович Б).
Ахъшэр зэревдзыхам и шэсыпIэ ихьэу чекыр а номерым дыдэм пыщӏа WatsApp-мкӏэ Борис хувогъэхьыжри, фи цӏэ-унэцӏэр пывотхэж.
Ӏэтедзэр мэкъуауэгъуэм (июным) и 10 хъуху екӏуэкӏыну аращ. Тхылъхэр хуэгъэфэщауэ шыщхьэӏум (августым) къриубыдэу къыдэкӏынущ. Фи номерхэмкӏэ зыкъыфпащӏэу къыфӏэрагъыхьэжынущ.
Мы хъыбарыр вгъэбагъуэмэ щхьэпэн хъунт.
Фи ӏуэху фӏы ирикӏуэ.



