#6456 Ekleme Tarihi 04/01/2021 03:16:43
Къухьэпlэм шей плъыжь щызэlащlэ,
Къудамэхэм вагъуэ пощтыхь.
Хуэцlыкlущи махуэпсэм къигъащlэр-
И лъапэхэм жэщкlэ подыхь.
Йосэж адыгэшыр шэщ нэщlми
Хоплъызэ кlыфlыгъэ гъуэлъхьам.
Щlы ныбэр акъужьым елъэщlри
Кlэщlопщэ шейныч къыпалъхьам.
Си зэшыр сэшхуэтхыу гъэшауэ
Дуней щlакlуэ кlапэр си лъэгущ.
Кlыфlыгъэм хьэфиз къришауэ
Жэщныкъуэ къубат и уанэгущ.
Дамыгъэу хызосэр цlыхупкъыр,
Нэхущ шыныбэпхыр сокъуз,
Сызышхыр щынэскlэ си купкъым -
Гур къоскlэри, дзажэр екъуз.
Бемырзэ Зураб 03.01.2021
Kültür-Edebiyat
Diğer Haberler