
Мы гъэм "ныбжьыщIэ зыгъэпсэхупIэ" и 5-нэр догъэхьэзыр. Япэ зыгъэпсэхупIэр 2021 гъэм зэхэтшащ. Ди пэкIэ Анталие Адыгэ Хасэм ныбжьыщIэ зыгъэпсэхупIэ къызэригъэпэщырт. Ар нэхъыбэу "зыгъэпсэхугъуэ" теплъэ иIэт.
Адыгэ Хэку НыбжьыщIэу жэрдэм къэтщтэну икIи япэрауэ хьэщIэщым дыкъыщIэкIыну унафэ тщIащ. Сыту жыпIэмэ, ХьэщIэщыр зыгъэпсэхупIэм зыгъэпсэхугъуэ теплъэ езыт мыхьэнэшхуэ зиIэ (психологие) Iуэхугъуэт. ИкIи лъапIэт, ныбжьыщIэм я нэхъыбэм зыгъэпсэхупIэм и уасэр ятыну Iэмал яIэтэкъым.
Ди зыгъэпсэхупIэм хуей ныбжьыщIэ дэтхэнэри къэкIуэфын хуейт; зэгъусэу къэдгъэщIын, зэгъусэу къэдгъэсэбэпын, зыгъэпсэхупIэ гъащIэм и IэнатIэ псоми къалэнрэ жэуаплыныгъэрэ къыщытщтэн икIи илъэс къэс нэхъыбэ дыхъун хуейт. Шэтыр зыгъэпсэхупIэ къызэгъэпэщыным апхуэдэу тегъэчыныхьауэ унафэ тщIащ.
Япэ зыгъэпсэхупIэм ныбжьыщIэ 50 къэкIуащ. Дызыхуейхэм я нэхъыбэр тхузэгъэхъулIащ. ЕтIуанэм ныбжьыщIэ 120-рэ хэтащ. Аргуэру ехъулIэныгъэ диIэт, ауэ иджыри ди щыщIэныгъэхэр щыIэт икIи "зыгъэпсэхугъуэ" теплъэр тхуэкъутатэкъым.
Мыбы и щхьэусыгъуэ зыбжанэ щыIэщ: Япэрауэ, адэ-анэхэм я бынхэр зыгъэпсэхупIэм нэгъуэщI адыгэ ныбжьыщIэхэм яхуэзэн, зэныбжьэгъу хъун икIи зэгъусэу зыщагъэпсэхун папщIэ ягъакIуэрт. ЕтIуанэрауэ, ныбжьыщIэхэри зыгъэпсэхупIэм зыхуамыгъэхьэзыру, зыгъэпсэхугъуэм къакIуэ хуэдэу къакIуэрт. Къалэнрэ жэуаплыныгъэрэ къащтэну хуейтэкъым, махуэ къэс гъащIэм и къызэрыгуэкI Iуэхухэр езыхэми "хьэлъэ" (Iуэху фIей) хуэдэу ялъагъурт. Шхыныгъуэхэр хьэзыру къэсын хуейт, лэгъупыкъухэр нэгъуэщIхэм ялъэщIын хуейт. Ещанэрауэ, махуэ къэс гъащIэм и къызэрыгуэкI Iуэхухэм хуэдэу, лэжьыгъэхэмрэ егъэджэныгъэ Iуэхухэмрэ хэтытэкъым.
Ауэ, "Адыгэ хэку ныбжьыщıэ зыгъэпсэхупIэ", зыгъэпсэхугъуэ зыгъэпсэхупIэкъым; "Зыгъэпсэхугъуэ, Егъэджэныгъэ икIи ЗэхъуэкIыныгъэ зыгъэпсэхупıэщ". Ди зыгъэпсэхупIэм хэтхэр махуэ къэс гъащIэм жэуаплыныгъэ къыщызыщтэфу икIи адыгэ щэнхабзэм щыщ зыгуэрхэр зэзыгъэщIауэ я унэхэм ягъэзэжын хуейщ.
Ди зыгъэпсэхупIэм Iуэхухэр жэрдэмкIэ къызэгъэпэща мэхъу, ауэ мы жэрдэмыр "сэ сщIэну е сыхэтыну сыхуейкъым" жиIэу аракъым; зэхуэдэ псэупIэ къызэгъэпэщыным, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зыгъэпсэхупIэм уи жэрдэмкIэ ухэтыну аращ.
Зы теплъэгъуэ, концерт е хьэгъуэлIыгъуэ еплъыну укIуэфынущ, укъэфэфынущ, зыбгъэпсэхуфынущ икIи иуха нэужь уи унэм бгъэзэжынущ. Ауэ зыгъэпсэхупIэм псори зэгъусэу ягъэхьэзыр икIи зэхуахьэс. Нэхъыщхьэр, ди щэнхабзэм, ди хабзэхэм ятеухуауэ тщIэхэр икIи зыгъэпсэхупIэм щызэдгъащIэхэр гъащIэ махуэ къэс щызэдгъэзэхуэну дыхущIокъу.
НэгъуэщIу жыпIэмэ, Адыгэ хэку ныбжьыщIэ зыгъэпсэхупIэр, зы "Адыгэ ПсэупIэ" хъун хуейщ. Ди къэкIуэнур зыухуэну цIыхухэр-зэхущытыкIэхэр щызэхэшэ икIи щызэрагъэужь псэупIэ. Мы псэупIэм хуитыныгъэхэри къалэнхэри щыIэнущ, щыIэн хуейщ.
Иужьрей зыгъэпсэхупIэм а лъэныкъуэмкIэ лъэбакъуэхэр тхузэфIэкIащ. Лэжьыгъэхэр нэхъыфIу лэжьащ, а лэжьыгъэхэм нэхъыбэ хэтащ. Икlи зы-тIу къэзыгъэзахэр хэмытмэ, махуэ къэс гъащIэр зэгъусэу зэхашащ.
ШыщхьэIум и 3-м къыщыщIэдзауэ 9-м нэс къызэдгъэпэщыну Адыгэ хэку ныбжьыщIэ V-рэ зыгъэпсэхупIэ щIыпIэм 6 цIыху 4-рэ зыщIэхуэн, 4 цIыху 3 зыщIэхуэн щIыIэпсыфэ, зыгъэпскIыпIэ, пщэфIапIэ зиIэ бунгаловхэр; 2 цIыху 4-рэ зыщIэхуэн щIыIэпсыфэ, жьыхукIэ зиIэ караванхэр; 3 глампинг шэтырхэр; 4 цIыху 3 зыщIэхуэн, 20 цIыху 2 зыщIэхуэн икIи 2 зы цIыху зыщIэхуэн шэтырхэр щыIэщ. Хуейм езым и шэтыркIи къыщIыхьэфынущ.
Пщэдджыжь шхыныгъуэхэр, шей, кофе, лимонадэ гъусэу щыгъуэ шхыныгъуэхэр, пщыхьэщхьэ шхыныгъуэхэр зыгъэпсэхупIэ уасэм хохьэ. КхъухькIэ зекIуэр хыхьэркъым.
ЗыгъэпсэхупIэ уасэхэр:
Бунгаловхэр: махуи 7-м щхьэкIэ зэрыщIыту 9000 Тырку Лирэ (₺)
Караванхэр: махуи 7-м щхьэкIэ зэрыщIыту 7000 ₺
Шэтырхэр: махуи 7-м щхьэкIэ зэрыщIыту 5000 ₺.
Ди зыгъэпсэхупIэм хэтыну хуей дэтхэнэри лъэIу тхылъхэр ирагъэкъуу ягъэхьэзырыну, икIи Whatsapp-кIэ мы къыкIэлъыкIуэ зэпыщIэныгъэ номерхэм ящыщ зымкIэ къытпыщIэну долъэIу.
ЗыгъэпсэхупIэ уасэхэр, щхьэхуэ зы щытыкIэ е лъэIу щымыIэмэ, бадзэуэгъуэм и 25-м нэсыху мы къыкIэлъыкIуэ счет номерым, "цIэ унэцIэ-зыгъэпсэхупIэ" ятхыу ягъэхьын хуейщ.
Ди зыгъэпсэхупIэм ныбжьыщIэ нэхъыбэ хэтыфын папщIэ ахъшэкIэ дэIэпыкъуну, спонсор хъуну е шэтыр, хьэуа пIэ, ефапIэхэр нэгъуэщI къэзыгъэхьыну дэтхэнэми дроIуэхукIэ фIыщIэ яхудощI.
ЗэпыщIэныгъэ:
1- Едыдж Сэлма +90 533 323 26 64
2- Чэтао Дэфнэ +90 507 037 41 72
3- Джанчат Шеввал +90 546 231 21 45
4- Хьаткъуэ Шамис +90 537 275 22 32
Счет номерхэр:
Зираат Банк Муратпаша-Анталие КъудамэщI
Тырку Лирэ Счет: TR87 0001 0015 5370 5095 8650 06
Доллар Счет: TR60 0001 0015 5370 5095 8650 07
Евро Счет: TR33 0001 0015 5370 5095 8650 08
(ЗыгъэпсэхупIэ-ЦIэ УнэцIэ фтхыну зыщывмыгъэгъупщэ фыкъыдолъэIу)
ДызэрыщIэжыну догугъэ
Анкета