
Хабзэ хъуа ди "Адыгэ Хэку НыбжьыщIэ ЗыгъэпсэхупIэ" папщIэ хьэзырыныгъэ псори зэфIэдгъэкIащ. Мыгувэу ЗыгъэпсэхупIэм и Программэр дгъэнэIуэнущ икIи лъэIу тхылъхэр къеIытхыу щIэддзэнущ.
Мы гъэм ди ЗыгъэпсэхупIэр Анталие-Адрасан щыдогъэкIуэкI шыщхьэIум и 3-м къыщыщIэдзауэ 9-м нэс. ЗыгъэпсэхупIэм бунгаловхэр, пIэ зиIэ пэшхэр, караванхэр, шэтырыпIэри иIэщ. ЗыгъэпсэхупIэм махуэм шхэгъуищ икIи мыухыж фадэншэ ефапIэхэр щыIэнущ.
"Адыгэ Хэку НыбжьыщIэ ЗыгъэпсэхупIэр" зэхыхьэ къудейкъым; зы зэдэпсэупIэщ. Зэгъусэу псэуным и дахагъэмрэ гугъуехьхэмрэ зыщыдгъасэ, IуэрыIуатэу тщIэ хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ гъащIэм щызэдгъэунэху, щызэдгъащIэ, тIэкIуи зэхъуэкIыныгъэ щыхэтлъхьэ псэупIэщ.
Мы гъэм ди лагерым Адыгэбзэ гъэсэныгъэ, Адыгэ Макъамэ Iэмэпсымэхэм я Лэжьыгъэ, Адыгэ ШхыныгъуэхэмкIэ ЩэкI IэщIагъэхэм я Лэжьыгъэ, Адыгэбзэ Уэрэд Пщыхьэщхьэхэр, Псалъэмакъхэр, Джэгухэр, Хьэгъуэлlыгъуэ Зэхэсхэр... щыIэнущ.
ЗыгъэпсэхупIэм къэкIуэну ди ныбжьэгъухэм мы лэжьыгъэхэмрэ Iуэхугъуэхэмрэ жыджэру хэтыну дыпоплъэ; зэгъусэу къэдгъэщIыну, дызэдэгуэшэну, дызэдэджэгуну... "ЗЫ" дызэрыхъур зыхэтщIэну икIи зыхедгъэщIэну дыхуейщ.
НэхъыбэжымкIэ фыкъытпэплъэ.
Мыгувэу!