
#11395 Ekleme Tarihi 06/05/2025 02:59:16
Мы гъэмахуэми тхьэмахуэкӏэ дызэгъусэну, дызэрыцӏыхуну, зэгъусэу дылэжьэну, зэдгъэщӏэну икӏи зэдгуэшыну гъэнщӏа зыгъэпсэхупIэр къытпоплъэ.
Шыщхьэӏум и 03-09 махуэхэм къ.Анталиья, Адрасан щекӏуэкӏыну ди зыгъэпсэхупIэм и программэр хьэзырщ!
Гъэсэныгъэ-класс щегъэжьауэ джэгукӏэхэм нэс, псалъэмакъхэм щегъэжьауэ зэпеуэхэм нэс куэд дыдэ щыӏэщ.
ЗыгъэпсэхупIэм хэтыну хуей дэтхэнэ ныбжьэгъуми, езым и зыужьыныгъэм папщӏи зэдай зыгъэпсэхупIэ зэхэщӏэм папщӏи, мащӏэ дыдэу зы гъэсэныгъэ-классым икӏи языныкъуэ ӏуэхугъуэхэм жыджэру хэтыну дыщогугъ.
ЗыгъэпсэхупIэм и уасэ, и хэщӏапӏэ хуэдэ хъыбархэмрэ лъэӏу тхылъ (Анкетэ) етыгъуэмрэ мыгувэу фэтщӏэнущ.
Фыкӏэлъыплъ!
Адыгэ Хэку НыбжьыщIэ
Çerkesya Gençliği
Diğer Haberler