
Хабзэ хъуа ди «Адыгэ Хэку НыбжьыщIэ ЗыгъэпсэхупIэ» папщӏэ гъэхьэзырыныгъэ псори зэфӏэдгъэкӏащ. Куэд дэмыкӀыу зыгъэпсэхупIэм и дауэдапщэхэри, onlinе анкетэхэри ди напэкlуэцlым щывгъэтыжынущ.
Мы гъэм зыгъэпсэхупIэр аргуэру Анталие, Адрасан щекӏуэкӏынущ, шыщхьэӀум и 9 - 15 махуэхэм.
ЗыгъэпсэхупIэм и щӀыналъэм бунгало 13, кондиционер зыщӀэт тент-унэ зэтегъэпсыхьа 9, цӀыхуитӀ зэрыс хъуну шэтры 20, апхуэдэуи пщэфlапlэрэ джэгупӀэхэмрэ щызэгъэпэщащ. ЗыгъэпсэхупIэр мэзылъэщ, хым метр 200кӏэ фlэкӏ пэжыжьэкъым.
«Адыгэ Хэку НыбжьыщIэ ЗыгъэпсэхупIэ» зэхыхьэ къудейкъым, атӀэ псэукӀэ зэдыгуэшщ. Ди хабзэр, ди щэнхабзэр ӀуэхукӀэ щыдгъэзащӀэ, псалъэкlэ зыхэтхахэр щыдогъэунэху, щыдогъэзащlэ, гуфӀэгъуи гугъуехьи хэлъу зэдэпсэуну зыщыдогъасэ. Мы гъэми, зэрафӀэхьэлэмэтым къыхэкlуу, зыгъэпсэхупIэм и щытыкӀэр зэрыхуэфащэм къыхэкӀуу, дзэдзу зиӀэ унагъуэ бжыгъэ тӀэкӀуи къыхэдгъэхьэнущ.
ЗыгъэпсэхупIэм и дауэдапщэм хэтщ: пщэдджыжьышхэ нэужь Адыгэбзэ, адыгэ лъэпкъ къафэхэр, лъэпкъ пшыналъэхэр, адыгэ шхыныгъуэхэмрэ ӀэщӀагъэхэмрэ ятеухуа мастер-классхэр, уэрэд пшыхьхэр, псалъэмакъхэр, джэгукӀэхэр, джэгухэр, зэхэсхэр.
Дэ дыщогугъ ди мастер классхэмрэ нэгъуэщl lуэхугъэхэмрэ (абыхэм ящыщщ lэмал имыlэу зыхэтын хуейхэри) жыджэру фыхэтыну. Ди lуэху щхьэпэр- дыздеджэну, дызэрылъэгъуну, дыздэгушхуэну, гупсысэхэмкlэ дыздэугуэшэну. Абыхэмкlэ къэдгъэлъэгъуэну дызыхуейр- дызэрызэкъуэтыр, дызэрызэгъусэр аращ.
Нэхъ зыпкъырыхауэ иджыри зэ хъыбарыр куэд дэмыкlу фэдгъэщlэжынущ.
Кхъыӏэ, зыхэвмыгъэкlыжу фыкъыткӏэлъыплъ!
«Адыгэ Хэку НыбжьыщIэ» гуп
03.05.2026



