ЩIалэгъуалэм, ди ЦIыхухэм, Хэкум, Диаспорэм Хуэгъэзауэ…

#11286 Ekleme Tarihi 12/04/2025 11:25:48

Адыгэ Ныпыр – ар, блэкIар дигу къэзыгъэкIыж къудейкъым. Ар иджыри имыуха тхыдэм, зэфIэмыкIа гъуэгуанэм и нэщэнэщ.

Мы ныпыр – зи Хэку залмыгъэкӏэ ирагъэӏэпхъукlа, ауэ зи напэр зыфlэмыкlуэда цӏыхубэм я пэщӏэувэныгъэм и нэщэнэщ.

Вагъуэхэм зэкъуэтыныгъэр къагъэлъагъуэ.

Шабзэшэхэр щхьэхуитыныгъэм и гъуэгущ.

Дэ, мы ныпым дрибынщ.

Дэ, зи лъэпкъ ягъэкlуэдыну, зи тхыда  зыщагъэгъупщэну, дунейм тырагъэкlыжыну хэта лъэпкъым дыкъыхэкlа щlалэгъуалэщ. 

Хэкур щIыпIэ кIапэ къудейкъым.

Хэкур ди бзэкlа жаlэ гущэ уэрэдщ. Хэкур ди кхъащхьэ мывэхэм щымыу тет тхыгъэхэрщ. 

Хэкур ди къуажэхэм я цIэхэрщ, ди бгыхэм я гущIыхьэ теплъэрщ.

ИкIи дэ, а хэкур тщымыгъупщэн папщIэ мы ныпыр уафэм дыдоlэтей!

Ди ныпыр тlэтыхункlэ, дызэрыадыгэм нэмыщl, ди хэкури дигу къыдогъэкlыж.

Ди ныпыр тlэтыхункlэ дызэрыадыгэр зэрыдгъэлъагъуэм имызакъуэу, ар иджыри ди къалэнщ.

Адыгэ щIалэ!

Мы ныпыр щыпlэткlэ - уи лъэпкъым и тхыдэр боlэт.

Мы ныпыр уи щхьэгъубжэм фIэлъмэ - ди адэжъхэм я макъхэр къоlу.

Мы ныпым зыщиужьмэ уи гум  -  къэкlуэнум уэ уи хэкур плъэгъужынщ.

Сыту жыпIэмэ ныпыр щыIэмэ, хэкури щыIэщ.

Сыту жыпIэмэ зигу изыгъэлъхэр щыIэмэ, къэгъэзэжыныр щыlэнущ.

 - Адыгэ ныпым зыреужь – Адыгэ лъэпкъыр ирепсэу!

 - ИугъащIэ адыгэ  лъэпкъ хъумэным и бэнэныгъэр!

 - Адыгэ хэкур иребагъуэ!

Çerkesya Gençliği
Diğer Haberler
  • facebook sharing buttonFacebook
  • twitter sharing buttonTwitter
  • pinterest sharing buttonPinterest
  • linkedin sharing buttonLinkedin
  • tumblr sharing buttonTumblr
  • vk sharing buttonvk
  • odnoklassniki sharing buttonOdnoklassniki
  • reddit sharing buttonReddit
  • whatsapp sharing buttonWhatsapp
  • googlebookmarks sharing buttonGoogle Bookmarks