
#13896 Ekleme Tarihi 11/09/2026 05:14:08
«Адыгэ Хэкум и хэкупсэхэр» фӀэщыгъэм щӀэту 2010 гъэм политикэ утыку къихьа «Адыгэ Хэку» зэгухьэныгъэм 2026 гъэм фокӀадэм и 10-м зэдэарэзыуэ Хьахъу Нарт тхьэмадэщӀэу хахащ.
ФӀыщӀэ худощI Зэгухьэныгъэр къызэрыунэхурэ япэ илъэсхэм щегъэжьауэ зыщӀэзыдза, илъэс 12-кӀэ тхьэмадэныр зи пщэ дэлъа ди ныбжьэгъу Хьэткъуэ Щамис. ДяпэкӀэ абы и лэжьыгъэм пищэнущ Хасэм хэту.
Илъэс куэд щӀауэ ди ЗэщӀэхъеиныгъэм щыщ, абы и зыужьыкӀэр фӀыуэ зыщӀэ ди ныбжьэгъу Хьэхъу Нарт дохъуэхъу и ӀэнатӀэщӀэм ехъулӀэныгъэхэр щиӀэну.
ИугъащIэ адыгэ хэку!
ИугъащIэ адыгэ лъэпкъ!
«Адыгэ Хэку» зэгухьэныгъэ
11.09.2026
Bakış Açımız
Diğer Haberler



